Display Videos ( 1 - 25 of: 64 )
Ахърэт махуэр 22 - 5 - Къемэт махуэм и нэщэнэ инхэр
2016-12-14
Къемэт махуэм и нэщэнэ инхэр: Е1джуджрэ Мэ1джуджрэ къыдэк1ынущ, щ1ыр щэрэ хъеинущ (зэ къуэк1ып1эмк1э, зэ къухьэп1эмк1э, зэ хьэрыпхэм я щ1ым, Еменым къыдэк1ыу маф1э къежьэнущи ц1ыхухэр зэхуэсып1эм ихунущ.
Ахърэт махуэр 21 - 4 - Къемэт махуэм и нэщэнэ инхэр
2016-12-14
Къемэт махуэм и нэщэнэхэм щыщ зы: Гьисэ, Алыхьым и сэлятыр зылъысын, къызэрехынур.
Ахърэт махуэр 20 - 3 - Къемэт махуэм и нэщэнэ инхэр
2016-12-14
Къемэт махуэм и нэщэнэ инхэр: Дэджалыр къыдэк1ынущ, Тэмим Ад-Дарий и хьэдис Дэджалым тепсэлъыхьым и мыхьэнэр.
Ахърэт махуэр 19 - 2 - Къемэт махуэм и нэщэнэ инхэр
2016-12-14
Къемэт махуэм и нэщэнэ инхэр: псэущхьэр щ1ым къыхэк1ыу ц1ыхухэм епсэлъэнущ, 1угъуэ ин къежьэнущ уафэмрэ щ1ылъэмрэ изэхуакур из ищ1у, Дэджалыр къыдэк1ынущ.
Ахърэт махуэр 18 - 1 - Къемэт махуэм и нэщэнэ инхэр
2016-12-14
Къемэт махуэм и нэщэнэ инхэр: Мэхди къыкъуэк1ынущ, Гьисэ, Алыхьым и сэлямыр зылъысын, къыкъуэк1ынущ, дыгъэр и къухьэп1эмк1э къэтэджынущ.
Ахърэт махуэр 17 - 5 - Ахърэтыр/ Сыхьэтым и нэщэнэ ц1ык1ухэр
2016-12-14
Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэм щыщ зыбжанэр: зэшэзэп1эу л1эр куэд хъунущ, хьэрыпым я щ1ыгур губгъуэрэ псы ежэхрэ хъужынущ, уэшх куэд къешхыу, ауэ къэк1ыгъэр мащ1эу хъунущ, мывэри, жыгри, хьэк1экхъуэк1эри ц1ыхум къепсэлъэнущ, бэлыхьу къатехьэлъэм къыхэк1ыу л1эныгъэм щ1эхъуэпсынухэщ, джаурхэм зырагъэщхьынущ, зэпык1ыжхэр куэд хъунущ, ц1ыхухъухэм ц1ыхубзхэм зрагъэщхьынущ, ц1ыхубзхэми ц1ыхухъу хэм зырагъэщхьынущ, журтхэм езэуэнухэщи муслъымэнхэр тек1уэнущ, нэгъуэщ1 нэщэнэхэри.
Ахърэт махуэр 16 - 4 - Ахърэтыр/ Сыхьэтым и нэщэнэ ц1ык1ухэр
2016-12-14
Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэм щыщ зыбжанэр: милицэхэмрэ залымыгъэ зезыхьэхэм ядэ1эпыкъухэмрэ куэд хъунущ, хуэпауэ пц1анэ фызхэр къежьэнущ, ц1ыхухэр зэрызэрашэхэр щ1эуэ къежьэнущ, му1миным и пщ1ыхьэп1эр пэжу къыщ1эк1ынущ, мыхъумыщ1эхэр къежьэнущ, пц1ыр куэд хъунущ, пц1ык1э щыхьэт къэзыхьхэмрэ щыхьэт пэжыр щ1эзыхъумэхэмрэ куэд хъунущ, щ1эныгъэр драхьеижынущи щ1эныгъэншагъэм зиубгъунущ, зинэр куэд хъунущ, ц1ыхухъухэр мащ1э хъунущи ц1ыхубзхэр егъэлеяуэ куэд хъунущ.
Ахърэт махуэр 15 - 3 - Ахърэтыр/ Сыхьэтым и нэщэнэ ц1ык1ухэр
2016-12-14
Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэм щыщ зыбжанэр: уахътэр зэщык1уэтэнущ, сатур апхуэдизк1э куэд хъунущи, бзылъхугъэр и л1ым дэ1эпыкъуу хъунущ, 1ыхьлыхэр зэк1элъык1уэжынукъым, гъунэгъухэр зэбий хъунущ, щхьэцыр ф1ыц1эу ялэнущ, нэпсеигъэм зиубгъунущ, щ1ым куэрэ зигъэхъей хъунущ, ф1ым тетхэр мащ1э хъунущ, ящ1эхэм фэгъэк1а зыми сэлям ирахыжынукъым, щ1эныгъэр ц1ыху зыхуэмыфащэхэм идеж зрагъэгъуэтынущ.
Ахърэт махуэр 14 - 2 - Ахърэтыр/ Сыхьэтым и нэщэнэ ц1ык1ухэр
2016-12-14
Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэм щыщ зыбжанэр: чэф къозыт фадэхэр куэд хъунущ, ахэр хьэлэл хъуауэ жа1энущ, нэгъуэщ1 ц1эхэмк1э еджэу щ1адзэнущ, мэжджытхэр егъэлеяуэ ягъэдахэурэ зэпеуэу абык1э щ1адзэнущ, унэу ящ1хэр лъагэ дыдэу драгъэк1уеинущ, пщыл1 фызым и унафэр зыщ1 унэ гуащэр къилъхужынущ, ук1ыныр куэд хъунущ.
Ахърэт махуэр 13  - 1 - Ахърэтыр/ Сыхьэтым и нэщэнэ ц1ык1ухэр
2016-11-05
Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэр: пэжыгъэр зэрык1уэдынур, унафэм хуэмыгъэза ц1ыхухэр унафэщ1 зэрыхъунур, шэрихьэт щ1эныгъэр зэрык1уэдынур, щ1эныгъэншагъэр куэд зэрыхъунур, зинэр куэд хъунущ, риба куэд зэрыхъунур, нэгъуэщ1хэри.
Ахърэт махуэр 12 Ахърэтыр/ Сыхьэтым и нэщэнэхэр (пэщ1эдзэ)
2016-11-05
Къемэт махуэм теухуа аятхэм я мыхьэнэхэр Къемэт махуэм и нэщэнэхэмрэ ахэр инрэ ц1ык1урэ у зэрыгуэшар.
Ахърэт махуэр 11 - 2 - Ахърэтыр/ Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, дунейм зэрехыжар.
2016-11-05
Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и узыр нэхъ хьэлъэ зэрыхъуар и псэр хэк1ыным махуипл1 и1эжу. Абу Бэкр нэмэзым имаму щытыну уэсят зэрищ1ар. И щхьэгъусэхэмрэ и унагъуэмрэ сэлям зэрырихыжар. Рэбигъ аль-1эуэл мазэм и пщык1ут махуэм блыщхьэм пщэдджыжьыр хэк1уэтауэ бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, дунейм ехыжащ илъэс 63 и ныбжьу. Сэхьабэхэм я гукъеуэшхуэмрэ ар щ1алъхьэным зэрыхуагъэхьэзырамрэ.
Ахърэт махуэр 10 - 1 - Ахърэтыр/ Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, дунейм зэрехыжар.
2016-11-05
Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и л1ыгъэмрэ и щэн лъап1эмрэ и щапхъэхэр. Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и сэхьабэхэм сэлям зэрырихыжамрэ сымаджэ зэрыхъуамрэ.
Ахърэт махуэр 09 Ахърэтыр/ Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и ф1агъхэр.
2016-11-05
Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, ф1ыуэ плъагъуныр, ар ипэжып1эк1э ф1ыуэ зылъагъумрэ пц1ы зыусымрэ. 1ум Мэгьбэд и хьэдисым и мыхьэнэмрэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и теплъэмрэ. Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и 1эдэбымрэ и щэнымрэ.
Ахърэт махуэр 08 Ахърэтыр/ кхъэр ахърэтым и япэрей увып1эщ
2016-11-05
Хьэдис к1ыхь кхъэм и ф1ыгъуэмрэ и хьэзабымрэ тепсэлъыхьым Бэра1 бин Гьазиб къи1уэтэжам и мыхьэнэр.
Ахърэт махуэр 07 Жэнэзым и хьукмхэр/(гъэпск1ыжыныр, нэмэзыр, щ1элъхьэжыныр)
2016-11-05
Л1ар щ1элъхьэным епха гъуэщэныгъэхэр. Жэнэзы нэмэзым и хьукмыр. Л1ам и щ1ыхуэхэр тыжыным и1э мыхьэнэшхуэр. Л1ар гъэт1ылъыжыным ухуэп1ащ1эным и унафэр шэрихьэтым. Л1ар ягъэт1ылъыжы иужьк1э абым ехьэл1ауэ шэрихьэтым къак1уэмрэ къэмык1уэмрэ.
Ахърэт махуэр 06
2016-11-05
Л1эр и псэм зэреджэр и псэр хэк1ын ипэк1э, абы теухуа аятхэм я мыхьэнэхэр. Псэр зэрыхэк1ым и гугъуехьыр. Псэр хэк1ыным ипэ гугъуехьымрэ ди бегъымбарымрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, 1умэтым и ц1ыху нэхъыф1хэмрэ. Псэр хэк1ыным ипэ гугъуехьыр мысылъмэным и гъэкъэбзэжыным зэрепхар. Псэр хэк1ыным ипэ гугъуехьымрэ псэр зэрыхэк1ымрэ. Псэр хэзых мэлэ1ычым и ц1эр Къур1эным е Суннэм къэк1уауэ щыт?
Ахърэт махуэр 05 1ейм тету дунейм зэрехыжынум и сэбэпхэр
2016-08-02
Зыми и щхьэ щхьэк1э ф1ым тету дунейм зэрехыжынум и щыхьэт хъуфынукъым. 1ейм тету дунейм зэрехыжынум и сэбэпхэм щыщ: Алыхьым хъыбару къытхуищ1ахэм шэч къытепхьэну, мыхъумыщ1агъэхэм иужьк1э тобэ къомыхьыну, Алыхьым и гущ1эгъуныгъэм ущыгугъыу мыхъумыщ1агъэхэр къомыгъэнэну, ныбжьэгъу мыхъумыщ1эхэр, Алыхьым нэгъуэщ1 зыгуэрым ущыгугъыну, Алыхьым ф1ык1э ущымгугъуну, л1эныгъэм уемыгупсысыну, залымыгъэ зыгуэрым епхыну.
Ахърэт махуэр 04 Ф1ык1э дунейм ехыжыным и нэщэнэхэр
2016-08-02
Къалэнхэр т1ууэ гуэшащ: Алыхьым и пщыл1хэм ятрилъхьа къалэнхэр, Алыхьым и пщыл1хэм ехьэл1ауэ зытрилъхьэжа къалэнхэр. Ф1ыхэр пщ1эн хуейщ диным и пкъыгъуэ бгъэзащ1эну уи къалэну щытхэм нэгъуэщ1 ажалыр къэмысу. Ф1ым тету дунейм ехыжыным и нэщэнэхэм щыщ 1уэхуф1хэм хуэп1ащ1эу мыхъунхэм зыщыхъумэныр, тобэ къэхьыныр. Ф1ым тету дунейм ехыжыным и сэбэпхэм щыщ ф1эщхъуныгъэ тэрэзыр уи1эну, Алыхьым ущыгугъыну, хъыбару дигъэщ1ахэр уи ф1эщ хъуну, тхьэшынагъуэр пхэлъыну, и унафэхэр бгъэзэщ1эну, мыхъунхэм пэжыжьэ зыпщ1ыну, Алыхьым ф1ык1э ущыгугъыну, ауэ мыхъумыщ1агъэу пщ1ам щхьэк1э ущышынэну, зикр куэдрэ пщ1ыну, Къур1эн куэдрэ уеджэну, "Ля иляха илля Аллах" псэр хэк1ыным ипэк1э жып1эну.
Ахърэт махуэр 03 Л1эныгъэ уз
2016-08-02
"Л1эныгъэм тепсэлъыхь аят зыбжанэм я тэфсирыр.
Л1эныгъэ узк1э сымаджэм зы 1уэху закъуэщ ищ1эфынур – бэшэчыныгъэ зыхигъэлъыныр, абык1э псапэ къихьынущ, Алыхьыри аразы къыхуэхъунущ.
Сымаджэм узэрык1элъык1уэн хуей хабзэхэр. Сымаджэм ук1элъык1уэным псапэу хэлъыр. Сымаджэр езыр зыхуеджэжын хуейщ рукъехэм, е зыгуэр хуеджэн хуейщ. 1эзэ зыф1эзыщыжхэмрэ абыхэм ятхымрэ зыщыхъумэныр. Муслъымэным адрей муслъымэным к1элъызэрихьэн хуей къалэнхэр."
Ахърэт махуэр 02 ЛIэныгъэр уигу къэбгъэкIыжIыныр
2016-08-02
"Иманым и пкъыгъуэхэм щыщ зыщ Ахърэт махуэр уи ф1эщ пщ1ыныр, муслъымэнми уеджэ хъунукъым муслъымэну Къур1энымрэ суннэтымрэ къэк1уа а 1уэхугъуэ ущэхуар и ф1эщ мыхъуамэ.
Мы дэрсхэм я гугъу тщ1ынущ 1уэхугъуэ зыбжанэм: псэр хэк1ыным ипэк1э, ф1ым тету дунейм ехыжыныр, псэр зэрыхэк1ыр, кхъэр япэрей епсыхыгъуэ, кхъэм и хьэзабыр, бэрзэхъ, бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, дунейм зэрехыжар, бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, зэрагъэпск1амрэ зэрыщ1алъхьамрэ, Ахърэт махуэм и нэщэнэхэр, псэр къызэрыхыхьэжыр, зэхуэсып1эр, Къемэт махуэр зэрыкъиныр, Ахърэт махуэм и ц1эхэр, тэрэзэр, лъэмыжыр, къыщхьэщыжыныр, жэхьэнэмэр, абым ихьэнумрэ и хьэзабымрэ, жэнэтыр, абым ихьэнымрэ и ф1ыгъуэхэмрэ, нэгъуэщ1хэри.
Мы дэрсхэр теухуащ муслъымэнхэм едгъэщ1эну Ахърэт махуэм и щытык1эхэр, сыту жып1эмэ, абым ф1ыр илъэжьыным нэхъ тригъэгушхуэнущ, мыхъумыщ1агъэхэр илэжьыным щышынэнущ."
Ахърэт махуэр 01 (Пэублэр)
2016-08-02
"Иманым и пкъыгъуэхэм щыщ зыщ Ахърэт махуэр уи ф1эщ пщ1ыныр, муслъымэнми уеджэ хъунукъым муслъымэну Къур1энымрэ суннэтымрэ къэк1уа а 1уэхугъуэ ущэхуар и ф1эщ мыхъуамэ.
Мы дэрсхэм я гугъу тщ1ынущ 1уэхугъуэ зыбжанэм: псэр хэк1ыным ипэк1э, ф1ым тету дунейм ехыжыныр, псэр зэрыхэк1ыр, кхъэр япэрей епсыхыгъуэ, кхъэм и хьэзабыр, бэрзэхъ, бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, дунейм зэрехыжар, бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, зэрагъэпск1амрэ зэрыщ1алъхьамрэ, Ахърэт махуэм и нэщэнэхэр, псэр къызэрыхыхьэжыр, зэхуэсып1эр, Къемэт махуэр зэрыкъиныр, Ахърэт махуэм и ц1эхэр, тэрэзэр, лъэмыжыр, къыщхьэщыжыныр, жэхьэнэмэр, абым ихьэнумрэ и хьэзабымрэ, жэнэтыр, абым ихьэнымрэ и ф1ыгъуэхэмрэ, нэгъуэщ1хэри.
Мы дэрсхэр теухуащ муслъымэнхэм едгъэщ1эну Ахърэт махуэм и щытык1эхэр, сыту жып1эмэ, абым ф1ыр илъэжьыным нэхъ тригъэгушхуэнущ, мыхъумыщ1агъэхэр илэжьыным щышынэнущ."
Рэмэданым епха упщ1эхэр 14
2016-06-01
Нэху къызтещам джунубу (и щхьэгъусэ ек1уэл1ами, пщ1ыхьэп1э илъэгъуами) и нэщ1ыр тэрэз?
Рэмэданым епха упщ1эхэр 13
2016-06-01
Нэщ1 зы1ыгъым жасы нэмэз нэс хэмыщхьэжу мымэжал1эу жи1эу нэщ1ыр пищэ хъуну? Хэщхьэжынымрэ уи ныбэр из хъуху ушхэнымрэ зэщхьэщок1ыр. Нэщ1 зы1ыгъар хуэп1ащ1эу хэщхьэжын хуейщ ахъшэмым и уахътэм шхын гуэрк1э, и ныбэ из хъуху шхэну и пщэ дэлъкъым. Мэжал1эху ежьэу ит1анэ шхэну хуитщ.
Рэмэданым епха упщ1эхэр 12
2016-06-01
Зыкъэзгъэжьыжам и нэщ1ыр къутэрэ? Хуэмеяуэ къэжьам и нэщ1ыр къутэрэ?
Go to the Top