Display Videos ( 51 - 64 of: 64 )
Бэшэчыныгъэм и мазэ
2016-05-04
"Рэмэданыр бэшэчыныгъэм и мазэщ
Алыхьым и тхылъым бэшэчыныгъэм куэдрэ тепсэлъыхьащ , абым къегъэлъагъуэр бэшэчыныгъэм мыхьэнэшхуэ зэри1эр мы дунейми ахърэтми.
Бэшэчыныгъэм и гуэшык1эр: бэшэчыныгъэ Алыхьым къыптрилъхьахэр щыбгъэзащ1эк1э, бэшэчыныгъэ гуэныхьхэр умыщ1эну, къэда1мрэ къэдэрымрэ къыпхуахьым бэшэчу ухущытыну.
Бэшэчыныгъэ уаджибымрэ мустэхьэбымрэ."
Алыхьым ущелъэ1у мазэ
2016-05-04
"Рэмэданыр Алыхьым ущелъэ1у мазэ.
Алыхьым елъэ1уныр му1миным и 1эщэщ.
Жэуапыр къызэрык1уэныр быдэу уи ф1эщ пщ1ыныр.
Алыхьым и пщыл1хэм унафэ яхуищ1ащ елъэ1уну, ик1и жэуап къазэрыритынумк1э хъыбар яригъэщ1ащ.
Жэуапым и сэбэпхэр: Алыхьым щытхъук1э зыхуэбгъэзэну, бегъымбарым сэлям епхыну, къытебгъазэурэ уелъэ1уну, гуф1эгъуэмэ гугъуехьми уелъэ1уну, къиблэмк1э зыбгъэзэну, уи 1эхэр п1этыну, л1ыгъэк1э уэуимейуэ къэпщтахэр яптыжыну, уи ерыскъыр хьэлэлым къыхэк1ыну.
Жэуапыр къыщык1уэ уахътэхэр: Къэдыр жэщым, жэщым и к1эм, азанымрэ икъамэмрэ яку, уэшх къыщешхк1э, мерэм махуэм, суджудым ущыщы1эк1э, зыгуэрым имыщ1эу ухуелъэ1уну, Гьэрэфэ махуэм, нэщ1 щып1ыгък1э, хэщхьэжыным ипэ, гъуэгу утетмэ, адэ анэм я лъэ1ур, унафэщ1 захуэм и лъэ1ур."
Къур1эным и мазэ
2016-05-04
"А мазэм Алыхьым Къур1эныр къыригъэхащ, аращи Рэмэдан мазэр Къур1эным и мазэщ, а мазэм уеджэмэ уи псапэр нэхъыбэ мэхъу.
Емыджэфым хьэрыпыбзэм и хьэрфхэр зэригъащ1эу Алыхьым и тхылъым еджэным хущ1экъун хуейщ.
Зэ нэхъ мыхъуми нэщ1 мазэм Къур1эныр зэрыщыту щ1эбджык1ыну.
Имам Малик нэщ1 мазэм и дэрсхэр къигъанэу щытащ Къур1эн еджэным и уахътэр ириту. Аз-Зухри Рэмэданыр къэсамэ жи1эу щытащ: «Ар Къур1эн еджэнымрэ шхын егъэшхынымрэщ»."
Тэрауихь нэмэзыр
2016-05-04
Тэрауихь нэмэыр, к1эщ1ыу тэрауихь нэмэзым папщ1э, дапщэ рэкгьэт ящ1ыр тэрауихьым, нэхъыбэу Къур1эн уеджэну нэмэзым, имамым щ1ыгъуу тэрауихь пщ1ыну, бзылъхугъэмрэ и хьиджабымрэ.
Рэмэдан нэщ1 мазэм ехьэл1а щыуэныгъэхэр
2016-05-04
Нэщ1 мазэм ящ1э щыуэныгъэхэм щыщ: нэщ1 мазэм гьибадэрэ егугъунрэк1э упемыжьэныр, куэдрэ ужеиныр, куэд пшхыныр, ахъшэм нэмэзым ипэ шхэныр ибгъэщыныр, тэрауихь нэмэзыр къэбгъэнэныр, нэщ1 мазэм и жэщхэм умыжейуэ жэщк1э бгъэк1уэныр, жэмэхьэт нэмэзхэр дэбгъэхуну, бэзэрым уахътэр щыбгъэк1уэдыну.
Нэщ1 мазэм пщ1эну мустэхьэбхэр
2016-05-04
"Нэщ1 мазэм пщ1эну мустэхьэбхэр.
Мустэхьэб пщ1эхэм уи фарзхэр яхъумэ...
Нэщ1 мазэм пщ1эну мустэхьэбхэм щыщ: жьыуэ ухэщхьэжыну, рут1эбк1э ухэщхьэжыну, сэрашхыр бгъэгувэну, Алыхьым куэдрд зикр хуэпщ1ыну, Къур1эн куэдрэ уеджэну, зэ нэхъ мыхъуми Къур1эныр зэрыщыту щ1эбджык1ыну, нэщ1 зы1ыгъ хэбгъэщхьэжыну, сэдэкъэ куэду птыну, тэрауихь нэмэзыр пщ1ыну, игьтикаф..."
Нэщ1 мазэр зэрипшыныжыр
2016-05-04
"Зэпыту ипшыныжрэ е махуэ зэщымыщхэм?
Иужьрей нэщ1 мазэр щ1имыдзэу ипшыныжын хуейщ нэщ1 мазэ блэк1ар.
Сытым щыгъуэ ипшыныжу кэфарэ итрэ е ипшыныж къудейрэ.
Шэрихьэт сэбэп имы1эу нэщ1 мазэм шхам и кэфарэ...
Нэщ1 мазэм и махуэм ц1ыхубзым ек1уал1эу и нэщ1ыр зыкъутам мазит1 нэщ1 зэри1ыгъыжынымк1э зэгур1уахэщ, нэгъуэщ1 сэбэп зи1эм ехьэл1ауэ еплъык1эхэр зэрызэщхьэщык1ыр.
Фидемрэ ар зытехуэхэмрэ..."
Нэщ1ыр зыкъутэхэр
2016-05-04
"Нэщ1ыр зыкъутэхэр: шхын, ефэн, тутын ефэн, къэжьын, нифас, хьейд.
Нэщ1 мазэм пщ1а гуэныхьхэм уи нэщ1ыр якъутэрэ?
Пщыгъупщэжу ушхамэ."
Нэщ1ым и ф1ыгъуэр
2016-04-18
Ра1ян зи ц1э бжэмк1э жэнэтым нэщ1 зы1ыгъахэм ф1эк1а нэгъуэщ1хэр зэримыхьэнур, нэщ1 зы1ыгъыр жэхьэнэмэ маф1эм илъэс блыщ1к1э пэжыжьэ зэрыхъунур, нэщ1 зы1ыгъым и гуэныхьхэр хуэгъэгъуа
Нэщ1 мазэм ф1ыгъуэу хэлъхэр
2016-04-18
Алыхьым къыхигъэщащ Рэмэзан мазэр адрей мазэхэм, а мазэм и нэщ1ыныр Ислам диным и рукнхэм щыщ ищ1ащ, а мазэм тарауихь нэмэз ящ1, а мазэм Бэдр зауэр щы1ащ, Мэккэри къызэ1уахащ.
Нэщ1 мазэм зызэрыхуэбгъэхьэзырын щ1ык1эр
2016-04-18
Нэщ1 мазэм дызэрыпежьэн, узэрыхуэгуф1эныр, дугьэуэ пщ1ыныр, расписание зыхуэбгъэувыныр, нэгъуэщ1ыу зызэрыпхуэбгъэхьэзырынхэри, нэщ1 мазэм ехьыл1а ахькамхэр зэбгъэщ1эну
Нэщ1 мазэм мыхьэнэу и1эхэр
2016-04-18
Нэщ1 мазэм мыхьэнэу и1эхэр: тхьэмыщк1эхэм уигу ящ1эгъуныр, 1уэху мубахьхэр къэгъэнэн уи Тхьэм жи1ар бгъэзащ1эу, бэшэчыныгъэм псэр егъэсэн мыхъунхэр къэбгъэнэну
Хэт нэщ1ыр зы1ыгъыну зытехуэр?
2016-04-18
Хэт нэщ1 зы1ыгъыну зытехуэр Рамазан мазэм ик1и хэт зытемыхуэр нэщ1 1ыгъыныр.
Нэщ1 мазэм унэщ1ыныр зэрыфарзыр
2016-04-18
Алыхьым мусылмэнхэм Рэмэзан мазэм нэщ1 я1ыгъыну фарз ятрилъхьащ.
Go to the Top