Display Videos ( 26 - 50 of: 64 )
Рэмэданым епха упщ1эхэр 11
2016-06-01
Нэмэз зымыщ1ым и нэщ1ыр тэмэм? Нэгъуэщ1у а упщ1эм жэуап еттынщ. Ц1ыхум къыгур1уэн хуещ нэмэзыр диным ипкъыгъуэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зи1эхэу зэрыщытыр щыхьэтит1ым иужьк1э, абым ц1ыхур махуэ къэс и Тхьэм ирепх. Щ1эныгъэл1хэм яхэтщ нэмэзыр къэзгъэнар кафир хъуауэ зыбж, ислам диным ик1ауэ зылъытэ. Ахэм щыхьэтхэр я1эщ я еплъык1эр ягъэбыдэу. Аращи, 1уэхур псынщ1эу щыткъым, нэхъыбэм кафиру щымыту(абым хущ1экъуу щымытмэ) жа1а щхьэк1э. И гуэныхьыр ин дыдэщ нэмэз къэзгъанэм, сыту жып1эмэ, нэмэзыр диным и пкъыгъуэ мыхьэнэшхуэ зи1эу зэрыщытым папщ1э. Нэмэзыр къэзыгъанэр факъырэщ дауэ къулейуэ щымытами, и щытык1эр нэхъ 1ейуэ щы1э щытык1эщ. Мысылмэным нэмэз ищ1ын хуейщ, нэмэзыр нэщ1ым нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зи1эщ. Акъыл тэмэм зи1эм и Тхьэм хуэпщыл1ыну иригъажьэу абым и унафэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зи1эр къигъэнэну щыткъым нэхъ мыхьэнэ ц1ык1у зи1эр игъэзащ1эу. Щ1эныгъэ зыбгъэдэлъхэм ц1ыхухэм гурагъэ1уэн хуейщ нэмэзым и мыхьэнэшхуэр, нэмэз щ1ыным ц1ыхухэр хуашэн хуейщ, ауэ нэщ1ыр къырамгъэгъанэу, Алыхьым и унафэм щыщу нэщ1ыр зэрагъэзащ1эм хуэдэу нэмэзри зэрагъэзэщ1эн хуейр гур1уэгъуэ хуащ1ыныр я пщэм дэлъщ.
Рэмэданым епха упщ1эхэр 10
2016-06-01
Пц1ыупсыным нэщ1ыр икъутэрэ? Пц1ым, бзэгузехьэным, гъибэм Рэмэданым нэщ1ыр икъутэрэ? Псапэм зэрыхэщ1ыр гуэныхь къэпхьмэ.
Рэмэданым епха упщ1эхэр 09
2016-06-01
Нэщ1 зы1ыгъым зигъэпск1 хъуну джунубу щымытми? Псы ежэхым, гуэлым, хым зыбгъэпск1 хъуну нэщ1 п1ыгъыу?
Рэмэданым епха упщ1эхэр 08
2016-06-01
1упсым нэщ1ыр икъутэрэ? 1упс зэхуэзхьэсу езыгъэхым и хьукмыр.
Рэмэданым епха упщ1эхэр 07
2016-06-01
Лъэрмыхьым нэщ1 имы1ыгъми хъуну? Зэрылъэрмыхь къудейм щхьэк1э нэщ1 къигъанэ хъуну? Езым, е ныбэм илъ сабийм къегуауэмэ нэщ1ыр, е къехьэлъэк1мэ нэщ1 имы1ыгъыну хуитщ.
Рэмэданым епха упщ1эхэр 06
2016-06-01
Пщэдджыжь нэмэзым и уахътэр къимыхьауэ къыф1эщ1у сэрашх зыщ1ам и хьукмыр.
Рэмэданым епха упщ1эхэр 05
2016-06-01
Пщыгъупщэу ушхамэ е уефамэ уи нэщ1ыр къутэрэ? Нэщ1 зэри1ыгъыр зигу къэк1ыжам занщ1эу къигъэнэн хуейщ шхэн-ефэныр.
Рэмэданым епха упщ1эхэр 04
2016-06-01
Хьейдымрэ нифасымрэ нэщ1ыр якъутэрэ? Сыт хьейдк1э зэджэри нифаск1э зэджэри? Хьейд зи1эмрэ нифас зи1эмрэ я нэщ1ыр тэрэз? Хьейдрэ нифасрэ зи1ам и нэщ1ыр зэрипшыныжыр.
Рэмэданым епха упщ1эхэр 03
2016-06-01
Нэщ1 зы1ыгъым мастэ зыхилъхьэмэ и нэщ1ыр къутэрэ? Мастэ узым щхьэк1э халъхьэмрэ шхыным хуэдэ мастэ халъхьэмрэ зэрызэщхьэщык1ыр, я хьукмыр.
Рэмэданым епха упщ1эхэр 02
2016-06-01
Лъы птыным щ1аплъык1ыным папщ1э нэщ1ыр икъутэрэ?
Рэмэданым епха упщ1эхэр 01
2016-06-01
Дауэрэ узэрыхэщхьэжын хуейр? Япэ ухэщхьэжын хуей е нэмэз пщ1ын хуей? Сытк1э ухэщхьэжмэ нэхъыф1?
Шэуал мазэм и махуихым нэщ1 1ыгъын
2016-06-01
Шэуал мазэм и махуихым нэщ1 п1ыгъыным псапэшхуэ хэлъщ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ащ: «Рэмэданым нэщ1 и1ыгъауэ шэуалым щыщ махуихк1э пызыщэжам илъэск1э нэщ1 и1ыгъам хуэдэщ». Шэуалым и махуихым нэщ1 п1ыгъыным и хьукмыр. Шэуалым и махуихым нэщ1 п1ыгъыным и ф1ыгъуэр.
Гьидыр
2016-06-01
Гьидхэр т1у мэхъу: гьид аль-фит1р, гьид аль-адхьа. Гьид нэмэзым и хьукмыр. Гьид нэмэзым и рэкгьатхэм я бжыгъэр. Бзылъхугъэхэмрэ сабийхэмрэ гьид нэмэзым зэрык1уэхэр. Гьид нэмэзыр пщ1ынымщхьэк1э удэк1ыныр. Гьид махуэм епха хабзэхэр: зыгъэпск1ыныр, щыгъыным и нэхъыф1ыр щыпт1эгъэныр, нэмэзым удэк1ын ипэк1э ушхэныр, лъакъуэк1э нэмэзым ук1уэныр, гъуэгу зэщымыщк1э ук1уэу укъэк1уэжыныр, тэкбир пщ1ыныр, узэк1элъык1уэныр. Рэмэданым иужь къэхъу гъуэщэныгъэхэр: 1уэхуф1хэр къэгъэнэн, мыхъунхэр щ1эным хуэгъэзэжын, шхыныр исраф щ1ын, щыгъыным куэдыщэ тегъэк1уэдэн, бзылъхугъэхэмрэ хулъхугъэхэмрэ зэхэтыныр, гьид махуэм нэщ1 1ыгъыныр.
Алыхьым шыкур хуэпщ1ыныр мазэм и ухыгъуэм
2016-06-01
Мысылмэным шыкур хуищ1ын хуейщ и Тхьэ Лъап1эм нэщ1 мазэр и1ыгъыну, нэмэз ищ1ыну зэрыхуэлъэк1ам папщ1э. Шыкур зэрытщ1ынымрэ дызэрыгуф1энымрэ мазэр щиухк1э зэдгъэщ1эн хуейщ. Алыхьым жи1ащ: «Шыкур къысхуэфщ1мэ нэхъыбэж къывэстынщ». Алыхьым нэщ1ыр, нэмэзыр, 1уэхуф1хэр къабыл ищ1ыну фелъэ1у, ныкъусаныгъэхэри къыфхуигъэгъуну фелъэ1у...Алыхьым тобэ къыхуэхь, ц1ыхухэм зыгуэр япщ1амэ къыпхуагъэгъуну ялъэ1у... Куэдым Рэмэданым нэщ1 я1ыгъри ит1анэ абым ипэк1э зэрыщыта хьэлым ягъэзэжыр ныбжьэгъу мыхъунхэм щхьэк1э. Аращи псори еплъын хуейщ ныбжьэгъу ящ1ым.
Сэдэкъэ аль-фит1р (Бытыр)
2016-06-01
Рэмэданыр щиухым епха 1ухухэм щыщ зыщ сэдэкъэ аль-фит1р, ар мысылмэн къэс телъ фардщ, и унагъуэмрэ езымрэ зыхуеину ерыскъым нэхърэ нэхъыбэ и1эмэ гьид махуэмрэ жэщымрэ. Шхынк1э итын хуей е ахъшэк1э итми хъуну? Щ1эныгъэл1хэм я еплъык1эр зэтек1ащ ахъшэк1э пты хъунрэ мыхъунрэ упщ1эм... Сэдэкъэ аль-фит1рыр зыхуэдизыр... Дапщэ зы сагьым киллограмму илъыр... Сэдэкъэ аль-фит1рыы щат уахътэр.
Къэдыр жэщыр
2016-06-01
Къэдыр жэщыр Рэмэдан мазэм и иужьрей жэщипщ1ым щыщ. Алыхьым абым и гугъу ищ1ащ и тхылъ лъап1эм, абым и ц1эр Къур1эным и сурэм ф1эщащ. А жэщым Алыхьым ухуэл1ыщ1эныр 1уэхушхуэщ, жэщ миным нэхърэ нэхъыф1щ. Сыт хуэдэ жэщра къэдыр жэщыр? Ар Рэмэданым и иужьрей жэщипщ1ым хэтщ, зэпэмыбж жэщхэм нэхъ уежьэну щытщ. А жэщым духьэм уасэшхуэ и1эщ.
Уи псэр плъытэжыныр
2016-06-01
Мысылмэным и псэр илъытэжын хуейщ нэщ1 мазэм ипэк1э зэрыщытамрэ иужьк1э зэрыхъуамрэ... Мазэ лъап1эм ищ1эу щыта 1уэхуф1хэм пищэурэ адэк1и ищ1эрэ е мазэр зэриухыу и 1уэхуф1хэри зэпигъэуа? Мысылмэным и 1уэхуф1хэр зэрызэпимгъэуным пылъын хуейщ, ахэр химгъэк1уадэу, къимыгъэлалэу. Нэхъыбэ жып1энщи, ахэр нэхъыбэж ищ1ыу пищэн хуейщ. Ц1ыхум ныбжьэгъу ищ1ым еплъын хуейщ, ныбжьэгъур зытетым езыри теувэнущи.
Уэрэ Рэмэдан мазэмрэ
2016-06-01
Щхьэж езыр зыщ1ыреупщ1эж: «Дауэрэ си хьэщ1э лъап1э Рэмэдан мазэм сыпегъуэк1а? Алыхьым шыкур хуэсщ1а Рэмэдан мазэр къэсыху сызэригъэпсэуам щхьэк1э? Зысхъуэжа нэщ1 с1ыгъам иужь? Нэщ1ыр шхынрэ ефэнрэ къэбгъэнэн закъуэра? Мыхъунхэмрэ гуэныхьхэмрэ къэзгъэна? Нэмэзхэр сщ1а? Нэмэзхэр и уахътэм сщ1а? Нэмэзхэр жэмэхьэтым сыхэту сщ1а? Сэрашх закъуэра сызпылъыр пщэдджыжь нэмэзыр сщыгъупщауэ? Нэмэз зымыщ1хэмрэ нэщ1 зымы1ыгъхэмрэ я хьэлыр си хьэлым къыщхьэщык1рэ? Дапщэ Къур1эным щыщу сызэджэр? Нэщ1 мазэм Къур1эным зэрыщыту сик1а? Къур1эн еджэк1э сытым щхьэк1э зэзмыгъащ1эрэ? Тэрауихь нэмэзхэр сщ1ырэ? Нэщ1 зы1ыгъхэр хэзгъэщхьэжрэ? Рэмэданым сэдэкъэ сытрэ? Умрэ Рэмэданым сщ1ыным сегупсыса? Игьтикаф сщ1а? Зэкат Аль-Фит1р ста? Нэщ1ым епха хьукмхэр зэзгъэщ1а? Хъуным къыхуезджэу 1ейм пэжыжьэ сщ1ырэ? Диным щыщу зэзгъэщ1ахэр нэгъуэщ1хэм язгъащ1эрэ? Дауэрэ езгъэжьэжрэ си хьэщ1э лъап1э Рэмэдан мазэр?» Мы упщ1эхэм пэжу жэуап езытым зищ1эжынущ и 1уэхур зытетыр.
Рэмэданым уи щэныр
2016-06-01
"Хьэл дахэм ц1ыхухэм я нэм укъыдре1этей, сыту жып1эмэ ахэм уазэрыдызек1уэращ ялъагъур, уи уаджибхэр (нэмэзыр, нэщ1ыр) уэрэ Алыхьымрэщ зи яку дэлъыр, уи щхьэм ф1ы хуэпщ1эжу аращ абык1э. Ауэ сыт ц1ыхухэм яптри ахэм яхуэпщ1эри? Хьадис лъап1эм же1эр бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, хьэл щы1эм я нэхъыф1ыр нэгъэсауэ къигъэлъэгъуэну къызэрык1уар: «Сэ сыкъигъэк1уащ хьэлым и нэхъыф1ыр нэгъэса сщ1ыну». Алыхьым жи1ащ и бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, папщ1э: «Уэ хьэлым и нэхъыф1ыр пхэлъщ».
Фэрыщ1ын, пц1ы, пэж."
Щ1эныгъэр нэщ1 мазэм
2016-05-04
"Мысылмэн къэс и щ1эныгъэр зэрыхигъэхъуэным, и уахътэм фейдэ къызэрыхихыным пылъын хуейщ.
Щ1эныгъэр зэзгъэгъуэтар абдежым къэувы1э хъунукъым, и щ1эныгъэр ц1ыхухэм янигъэсын хуейщ, и щ1эныгъэм щыщу зэкат итын хуейщ, сыту жып1эмэ, ар нэгъуэщ1 ц1ыхухэм хуэдэкъым.
Щ1эныгъэ зи1эр дахэу, щабэу ц1ыхухэм ядызек1уэн хуейщ."
Нэщ1 мазэм сэдэкъэ тыныр
2016-05-04
"Рэмэданым ят сэдэкъэм и псапэр нэхъыбэщ.
Рэмэданым ят зэкатыр.
Ниетыр къабзэу Алыхьым папщ1э щытыну сэдэкъэри нэгъуэщ1 1уэхуф1хэри щыпщ1эк1э.
Мэлэ1ичхэр щ1олъэ1у сэдэкъэ зытым.
Ц1ыхухэр пл1ыуэ гуэшащ: ахъшэрэ щ1эныгъэрэ зи1эр, щ1эныгъэ и1эу ахъшэ зимы1эр, ахъшэ зи1эу щ1эныгъэ зимы1эр, ахъши щ1эныгъи зимы1эр."
Игьтикаф
2016-05-04
Игьтикафым къик1ыр. Рэмэдан нэщ1 мазэм игьтикаф пщ1ыным и ф1ыгъуэр.Игьтикаф щыпщ1к1э гьибадэ нэхъыбэу пщ1ыну. Игьтикафым и хьукм. Сытым щыгъуэ мэсджытым укъыщ1эк1 хъуну игьтикаф щыпщ1к1э? Унэм игтикаф щыпщ1ыным и хьукм. Нэщ1 мазэм и иужьрей махуипщ1ым игьтикаф пщ1ыным ухущ1экъуныр бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, щапхъэ тепхыу.
Иужьрей жэщипщ1ыр
2016-05-04
Къэдыр жэщымрэ иужьрей жэщипщ1ымрэ. Нэхъыбэу 1эхуф1хэр пщ1эну Рэмэдан мазэм и иужьрей махуипщ1ым: игьтикаф, жэщым нэмэз пщ1ыну, Къур1эн уеджэну, Алыхьым зикр хуэпщ1ыну, сэдэкъэ, ф1ым укъыхуеджэну, 1ейм пэжыжьэ пщ1ыну...
Рэмэдан мазэм умрэ щ1ыныр
2016-05-04
"Рэмэдан мазэм умрэ щ1ыныр.
Умрэм къик1ыр, Рэмэдан мазэм и умрэм и ф1ыгъуэхэр, умрэр къытебгъэзэнымрэ тхьэмыщк1эу 1ыхьлыхэм яхэтхэм удэ1эпыкъунымрэ, умрэм и хьукмыр."
Бэдр зауэр
2016-05-04
"Бэдр зауэр
Бэдр зауэр къыщ1ежьар...
Тек1уэныгъэ лъап1эр Бэдр зауэм Рэмэданым и 17, Рэмэдан мазэмрэ Фэтхь Мэккэмрэ."
Go to the Top